4 ГъэрыпӀэм къишыжи, Зиусхьэн, къегъэгъэзэж ди цӀыхухэм – псыхъуэ нэщӀхэм псыр къызэрыдэпшэжым хуэдэу.
БзаджащӀэхэм я гужьгъэжьыр еудых, щыпкъагъэ зиӀэр гъэбыдэ: Уэращ цӀыхухэм ягури я фэри зыгъэунэхур, Тхьэ захуэ!
ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.
Абыхэм я жьэхэм пцӀы зыхэлъ псалъэ къажьэдэкӀакъым. Лажьэ гуэри яӀэкъым.
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.
Сыт щхьэкӀэ, ди Тхьэ, дыхыфӀэбдзэжыпа? Уи хъупӀэм ит мэлым уи губжьыр сыт щхьэкӀэ яхузэщӀэбгъэплъа?
Иджыри тӀэкӀу дэкӀмэ, цӀыху бзаджэр щыӀэжынукъым; абы и щӀыпӀэ уеплъмэ – ар нэщӀ хъунущ.
ШыкӀэ пшынэкӀэ щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, уэрэд хужыфӀэ бзэпсипщӀ зытелъ пшынэ дыкъуакъуэкӀэ.
Щыпкъагъэр щӀым къыхэкӀынщ, Тхьэм и щыпкъагъэр уафэм къеплъыхынщ.