1 Уэ, уафэм щыпсэу, си нэплъэгъуэр нызогъазэ уи деж.
Аращи, Абы фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр, къригъэлыным пэжыжьэкъым, и щӀыхьыр ди щӀыгум тез ирехъу!
Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ, щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным и ӀурыщӀэу,
Ӏуащхьэхэм я дежкӀэ си нэплъэгъуэр согъазэ. Дэнэ къикӀыну си дэӀэпыкъуэгъур?
Израил цӀыхухэм жреӀэ: «Израил икъежьапӀэ зэрызэфӀэувэ лъандэрэ куэдрэ дыкърахуэкӀащ,
«Зиусхьэным и унэшхуэм дывгъакӀуэ» къыщызжаӀэм, сыгуфӀащ сэ.
Зиусхьэныр армыратэмэ къытщӀыгъур, – жреӀэ Израил, –
Сыту жыпӀэмэ Уэ си псэр ажалым щыпхъумащ, сымылъэпэрэпэни сыпщӀащ – гъащӀэ къыдэзыт Тхьэм и пащхьэ нэхум сыщызекӀуэну.
Зиусхьэным и ӀурыщӀэу, жэщым Абы и унэшхуэм щӀэт псори, фынакӀуэ, Зиусхьэным щӀыхь хуэдвгъэщӀ иджы!
Уигу игъэлъ, Зиусхьэн, Даут къину илъэгъуа псор;
СигукӀэ зыкъысфӀэщӀыжыркъым, Зиусхьэн, си нэхэми укӀытэ илъщ, Ӏуэхушхуэ щӀагъуэу схуэмыугуэщӀынум сыхуежьэркъым.
НасыпыфӀэщ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэу Абы и гъуэгум ирикӀуэр.
Зиусхьэным гъэрыпӀэм дыкъришыжу, Цион къалэм дишэ щыхъум, пщӀыхьым хэтым дыхуэдащ дэ.
Зиусхьэным щыгугъыр Цион Ӏуащхьэу, и пӀэ имыкӀыу, игъащӀэкӀэ итынум хуэдэщ.
Гукъеуэм я кууупӀэм сыхэту, Уэ сыноджэ, Зиусхьэн.
Зиусхьэным унэр имыщӀмэ, ар зыщӀхэм пщӀэншэу Ӏуэху ящӀэ; Зиусхьэным къимыхъумэмэ къалэр, къэрэгъулыр сакъыу зэрымыжейр пщӀэншэщ.
СекӀуэлӀэнщ Тхьэм и къурмэнщӀыпӀэм, Тхьэуэ лъэщу сызыгъэгуфӀэм деж; Уэ, си Тхьэ, уи щытхъур шыкӀэ пшынэмкӀэ згъэӀунщ.
Сыту дэгъуэ, сыту гуапэ зэшхэр зэдэпсэуныр!
Уэ жыпӀэгъащ: «Сэ сызыхуэдэр зэвгъащӀэ». Си гум къызжиӀащ Уэр папщӀэ: «Зиусхьэн, узыхуэдэр зэзгъэщӀэнщ».