7 Уи дэпкъ кӀуэцӀым – мамырыгъэ, уи пщы сэрейхэм шынагъуэншагъэ щреӀэ».
Зиусхьэным бзаджагъэ псоми сыкъыхихыжынущ икӀи сыкъихъумэурэ, езым и Тепщэныгъэшхуэу уафэм щыӀэм сыщӀишэнущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зеир Зиусхьэнырщ. Ӏэмин.
Бланэр псым зэрыхуэпабгъэм хуэдэу, си псэр Уэ къыпхуэзэшащ, ди Тхьэ!
ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
Уэ плъэгъуащ, Зиусхьэн, зумыущэху, спэжыжьэ зумыщӀ, Зиусхьэн!
Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.
Зыщумыгъэгъупщэ, Сэ сыуигъусэщ; икӀи ущысхъумэнущ дэнэ дежи, дэнэ укӀуэми, икӀи къозгъэгъэзэжынущ уэ мы щӀыналъэм; уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым, бжэсӀар Сэ згъэзэщӀэху.