3 Ерусалим къалэр ухуащ, зыуэ зэхэщӀыхьа хуэдэ.
Си бийхэм уатекӀуэу си нэхэм ялъэгъуащ, бзаджащӀэу зыкъыспэзыӀэтхэми я гукӀуэд макъхэр си тхьэкӀумэхэмкӀэ зэхэсхащ.
НасыпыфӀэщ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэу Абы и гъуэгум ирикӀуэр.
ФӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фыкъехъумэ, фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлар дунейм иужьрей махуэхэм нахуэ къэхъун щхьэкӀэ.
Бланэр псым зэрыхуэпабгъэм хуэдэу, си псэр Уэ къыпхуэзэшащ, ди Тхьэ!