6 Махуэм и ягъэ къуигъэкӀынкъым дыгъэм, жэщым и ягъэ – мазэм.
– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.
Къыщалъхуам щегъэжьауэ, цӀыху бзаджэхэр мэгъуащэ; анэм и ныбэ къыщикӀам щегъэжьауэ, пцӀы яупс, щоуэ.
И унагъуэм исхэращ цӀыхум и бийр.
ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.