5 Зиусхьэныр уи хъумакӀуэщ; Зиусхьэныр уи жьауэщ, уи Ӏэ ижьым щыт уи жьаущ.
Ефэт и къуэхэр: Гомэр, Магогъ, Мадай, Яуан, Тубал, Мэщэх, Тирас.
Аращи, мис Исмэхьил и къуэхэм я цӀэхэр, ахэр къызэралъхуам елъытауэ: Исмэхьил и щыпэлъху Нэбаиот, абы и ужькӀэ Къэдар, Адбэл, Мибсам,
Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.