6 Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым сыщогугъ сэ; сымыкӀуэдыну Уэ сыкъызэребгъэлынур си гуфӀэгъуэщ; си Зиусхьэну фӀыкӀэ къысхущытым сэ щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.
Языныкъуэхэр зыщотхъуж хьэрыгъажэхэмкӀэ, языныкъуэр – шыхэмкӀэ, дэ Зиусхьэну ди Тхьэм и цӀэм щӀыхь худощӀ.
Сыту жыпӀэмэ лъы зыгъажэр егъэпшынэ. Гу лъетэ, зэхех хэутэн ящӀахэм я гукъеуэ макъ.
Щыгъупща Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀыну? Къытхуэгубжьауэ, и гущӀэгъу къытлъимыгъэӀэсыжыну ара?»