14 Мылъкушхуэм нэхърэ нэхъ згъэлъапӀэу, уи псалъэ гъуазэхэм я гъуэгум сыщогуфӀыкӀ.
Тхьэм и щӀыхьыр яӀэт уафэхэм, и ӀэщӀагъэм и хъыбар еӀуатэ уафэлъащӀэм.
Сыноджэ, Зиусхьэн: си абрэмывэм макъыншэ зумыщӀ, зыбущэхуу къызжумыӀэмэ, хьэдрыхэ ехыжхэм яхуэдэ сыхъунщ.