2 Сыту жыпӀэмэ ин дыдэщ Абы дэ къытхуиӀэ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр, Абы къытхуиӀэ щыпкъагъэр мыкӀуэдыжынщ. ЩӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.
Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ.
Гъуэгу махуэ теуващ Зиусхьэным бзаджагъэ зыхуимылъагъур, зигу хьилагъэ имылъыр!
Тхьэм зэпымыуэ фелъэӀу. Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, фымыжейуэ фысакъ, Тхьэм и фӀыщӀи фщӀы.
Эзрак и къуэ Этан иуса уэрэд
Егъэджэгу, танэ хуэдэу, Ливан къущхьэхэр, Сирион къущхьэхэри – выщӀэм хуэдэу.
Си гуэныхьыр зэрызущэхуам махуэ енкӀэ сигъэщэӀуурэ си къупщхьэр щыным нэсащ.