4 Санэпс зэрыт Ӏэгубжьэр Зиусхьэным хуэсӀэтынщ сыкъызэрыригъэлам папщӀэ.
Мы Паул зи цӀэм Ефес къалэм и мызакъуэу, Асие хэкум, зэрыщыту, къанэ щӀагъуэ щымыӀэу, «ЦӀыхухэм ящӀа тхьэ сурэтхэр тхьэ пэжу щыткъым», жиӀэм, цӀыху куэдым ар я фӀэщ ищӀурэ зэрыщигъэуар фэ фолъагъу икӀи зэхывох.
ИкӀэм-икӀэжым къалэм и тхакӀуэм цӀыхухэр игъэсабырыжри жиӀащ: – Ефес дэс лӀыхэ! Тхьэ гуащэшхуэ Артемидэрэ абы и сурэту уафэм къехамрэ я хъумакӀуэу Ефес къалэр зэрыщытыр зымыщӀэ цӀыху щыӀэ?
Хыми абы хэс псоми, Дунеишхуэми абы тет псоми макъышхуэ япреӀукӀ;