9 Дэракъым, Зиусхьэн, дэракъым щӀыхь зыхуэфащэр, щӀыхьыр уи цӀэм хуагъэфэщащ, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ уи щыпкъагъэмрэ папщӀэ.
Ди Тхьэ! Уэ уощӀэ сызэрыакъылыншэр, мыхъуну сщӀахэр УэркӀэ щэхукъым.
Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «ГуфӀэ, уэ, сабий къызыхэмыкӀ, сабий къызыщӀэмыхъуа цӀыхубз. Уэ, лъхуэным гугъу иримыгъэхьар, Уи макъ зебгъэӀэтауэ гуфӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀы зиӀэм нэхърэ, лӀым иригъэкӀыжа цӀыхубзым иӀэ сабийхэр нэхъ куэдщ».
Зиусхьэным елъэӀурт Исхьэкъ езым и фызым папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар лъхуэртэкъым; Зиусхьэным зэхихащ ар, арати, хъуащ лъэщыджэ Ребеккэ, абы и фызыр.