Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 110:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Щыпкъэщ Абы и ӀэщӀагъэхэр, захуэщ, пщэрылъ ищӀахэр дзыхьщӀэгъу защӀэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 110:7
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЩӀыхьыр зейр Зиусхьэнырщ, сыту жыпӀэмэ си лъэӀу макъ Абы зэхихащ.


Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.


Мэссихь гугъуехьхэр ишэчу, абы и ужькӀэ щӀыхьышхуэ иӀэ зэрыхъунур бегъымбархэм я гум илъ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм къыщыжиӀэм, зытепсэлъыхьа зэманри Мэссихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэри бегъымбархэм зэрызрагъэщӀэным и ужь итащ.


– Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр. – Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?


– И щӀыхьышхуэр иӀэ хъун папщӀэ, абы нэсыху, мы гугъуехьхэр ишэчын хуеякъэ Мэссихь?


– Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, е цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну? – ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм.


Сэ къыстепсэлъыхьу, куэдым жаӀэ: «Утыкум ар Тхьэм къринащ».


Къогий зэпыту щыткъым Ар, и губжьи куэдрэ иӀыгъкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ