6 «ТхьэмыщкӀэхэм къину ялъагъум, зыри зимыӀэм я тхьэусыхэм папщӀэ иджы зыкъэсӀэтыжынщ, – жеӀэ Зиусхьэным, – зэрафӀэигъуэм хуэдэу, шынагъуэ ямыӀэу згъэпсэунщ».
Зиусхьэным къатрикӀащ Содомрэ Ӏаморэрэ уэшхым хуэдэу тхъуэбзащхъуэмрэ мафӀэмрэ, уафэм щыӀэ Зиусхьэным къыбгъэдэкӀыу.
Ауэ ЛутӀ Содом къалэм щыдэкӀа махуэм мафӀэрэ тхъуэбзащхъуэрэ зэщӀэлъу уафэм къещэщэхри, ахэр псори хэкӀуэдащ.
Ущынагъуэщ Уэ; Уи губжьыгъуэм уи пащхьэ итын хэт лъэкӀын?
– Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр. – Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?
Мэрибэ и псым деж Тхьэр щагъэгубжьати, абыхэм папщӀэ къиныпӀэ ихуащ Мусэ.
Си лъэр уи гъуэгум тетщ, сылъэпэрэпакъым.
Исуф езым и Ӏэнэм телъ шхыныгъуэхэм щыщ абыхэм къахуригъэхьырт; Биниамин и Ӏыхьэр тхукӀэ нэхъыбэт дэтхэнэми ейм нэхърэ. Арати, ефахэщ, икӀи дэгуфӀащ абы.
Хэт зи дагъуэхэр зыдэзыщӀэжыр? ЗыдэзмыщӀэж дагъуэхэмкӀэ сыгъэкъабзэ.
Зиусхьэным хамэ лъэпкъхэм къаухэсыр зэхекъутэ, зэхекъутэ цӀыху лъэпкъхэм я гухэлъхэр.