13 ЛъапсэкӀуэд ирехъу абы къытепщӀыкӀахэр, къэкӀуэну щӀэблэхэм ящрегъупщэж абы и цӀэр.
ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм текӀуэныгъэр къыдигъэхь зэпытщ, Мэссихь теухуа хъыбару мэ гуакӀум хуэдэр цӀыхухэм дэнэкӀи яхурегъэхь дэ тщӀэ ӀуэхумкӀэ.
Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.
Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Сэ уи щӀыхь сӀуэтэнщ, си Тхьэу си пащтыхь, лӀэщӀыгъуэм лӀэщыгъуэр кӀэлъыкӀуэу, уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀынщ.