9 псы хуэлӀэр псы ирегъафэ, щыгъаблэми, шхын щигъащӀэркъым.
Си жьэм къыжьэдэкӀ псалъэхэри сигу илъхэри Уэ уигу ирихьын ирехъу, Зиусхьэн, Уэращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэри си щхьэ къэзыщэхужари.
Дэ, уи цӀыху лъэпкъым, уи хъупӀэм ит мэлхэм, уи щӀыхьыр тӀуэтэнщ игъащӀэкӀэ, щӀэблэ-щӀэблэхэм щӀыхь пхуэтщӀынщ.
Ди Тхьэ, цӀыху лъэпкъхэм щӀыхь къыпхурещӀ, щӀыхь къыпхурещӀ цӀыху лъэпкъ псоми!
– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.