5 Гъаблэм хиубыдауэ, псы ямыгъуэту, ягу кӀуэдауэ куэдрэ къэхъуащ.
Куэдрэ хишыжащ Абы ахэр; ИтӀани ерыщ хъуати, я гуэныхьхэмкӀэ загъэунэхужащ.
Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.
Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.
Дэри ди адэжьхэми гуэныхь тщӀащ, бзаджагъэ зетхьащ, мыхъуну дызекӀуащ.
ПсыжапӀэм щыхаса жыгым хуэдэщ ар, къыпыкӀэр и пӀалъэм хъууэ, и тхьэмпи мыгъуалэу; сыт хуэдэ Ӏуэху ищӀэми, абы къохъулӀэ.
Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.
Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.
Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейр иухуэн и пэ, Мэссихь ди псэм зэрыхэлъым щхьэкӀэ езым и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхихащ, ди гур къабзэу, къуаншагъэ лъэпкъ дбгъэдэмылъу, фӀылъагъуныгъэ ди гум илъу, езым и пащхьэм дыщыпсэун папщӀэ.
Апхуэдэу, фэри гукъеяуэ фиӀэщ иджы, ауэ сэ аргуэру фыслъагъужынущ. Абы щыгъуэ фэри фыгуфӀэжынущ, фи гуфӀэгъуэри зыми фтрихыжынукъым.
Согупсыс тхуэпщӀа пщэрылъхэм, уи гъуэгум си нэӀэ тетщ.
Хэти елъагъу акъылыфӀэхэри зэрылӀэр; ахьмакъхэри акъылыншэхэри зэрылӀэу, я мылъкур нэгъуэщӀым къыхуонэ.
Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.
Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.
Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.