1 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ – Ар фӀыщ. МыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр!
Сыт ищӀыс къыфщыщӀми, Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ, фэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, апхуэдэу фщӀэну аращ Тхьэр зыхуейри.
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ: Ар фӀыщ, мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр.
Бавилэн хэкум и псы Ӏуфэхэм, Цион къалэр дигу къыщыкӀыжым, дыщыгъуащ дэ, абдеж дыщысу.
Зи гъуэгу къабзэхэр гъуэгу махуэ теуващ – Зиусхьэным и хабзэм и гъуэгу ирикӀуэхэр.
ЗэгурыӀуэныгъэу ядищӀари игу илъащ, и лъагъуныгъэ мыкӀудыжым къыхэкӀыу гущӀэгъу яхуищӀащ.
Даут и уэрэд
– ФӀымкӀэ щхьэ укъызэупщӀрэ? – жриӀащ Хьисэ а щӀалэм. – Тхьэм фӀэкӀа фӀы щыӀэкъым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыну ухуеймэ, Тхьэм и унафэхэр гъэзащӀэ.
Бзухэм абгъуэ щащӀ абыхэм, псейр и псэупӀэщ псыхэуэм.
Зиусхьэнхэм я Зиусхьэныжым щӀыхь хуэфщӀ, мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;