1 ЩӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным; Абы и цӀэм зыхуэвгъазэ; Абы игъэхъахэр ялъэвгъэӀэс цӀыху лъэпкъ псоми.
Дыгъэр къыкъуокӀри, абыхэм ягъэзэж; я гъуэхэм йокӀуэж.
Тепщэныгъэ зиӀэхэм фащымыгугъ, цӀыхум и къуэхэу дэӀэпыкъуэгъу хъун зылъэмыкӀынухэм.
Абы и щыпкъагъэ яӀуатэ уафэгум, цӀыху лъэпкъ псоми ялъагъу Абы щӀыхьу бгъэдэлъыр.
Уэ, Зиусхьэну цӀыхур зыгъэпшынэжым, Уэ, Тхьэуэ цӀыхум и гъэпшынакӀуэм, уи губжь къэгъэлъагъуэ!
я щӀыгу тет уцыр зэкӀэ ящхащ абыхэм, я губгъуэхэм ярыт лэжьыгъэри лъэрыщӀыкӀ ящӀащ.
Биниамин лӀакъуэм щыщ Куш и Ӏуэху ехьэлӀауэ, Зиусхьэным зыхуигъазэу, Даут иуса гъыбзэ
И щӀыхьыр яхуэфӀуатэ цӀыху лъэпкъхэм, и телъыджащэхэр лъэпкъ псоми евгъащӀэ.