8 ЩӀыпӀэу Уэ яхуэбгъэнэхуам – бгыхэм докӀ, кӀейхэм ирокӀуэ псыхэр.
нэфхэр къегъэплъэж Зиусхьэным, къиным иухуахэр зыпкъ ирегъэувэж Зиусхьэным; къыхуэщыпкъэхэр фӀыуэ елъагъу Абы.
Цион къалэм папщӀэ Тхьэм жиӀэнщ: «Мыбы хуэдэр икӀи мыбы хуэдэ цӀыхур абы къыщыхъуащ, сыту жыпӀэмэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр арщ а къалэр зыгъэбыдэнур».
Теубыдагъэ зиӀэхэр гъуэгу махуэ теувауэ жыдоӀэ. Ӏэиуб бегъымбарым и теубыдагъэм и хъыбарыр зэхэфхащ. ИкӀэм-икӀэжым Зиусхьэным абы фӀы къызэрыригъэгъуэтыжар фощӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ иӀэщ, абы и гур дэ къытщӀогъу.