6 Хышхуэр фащэу тепхъуащ, бгыхэм псыхэр ятепхъуащ.
Си бийм къызжиӀэн лъремыкӀ: «Сэ абы сытекӀуащ». Сылъэпэрапэмэ, къыспэувхэр иремыгуфӀэ.
Дунеишхуэм хьэкумыр щыпкъагъэкӀэ трещӀыхь Абы, захуагъэ хэлъу цӀыху лъэпкъхэм я Ӏуэхухэр зэхеху.
Аращ а бзаджэхэр зытепсэлъыхьыр, ягу щӀэныкъуэ зыри щыӀэкъым, ягъэбагъуэ я мылъкур абыхэм.
Зиусхьэным щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ; пшынэ дыкъуакъуэкӀэ фыдежьу ди Тхьэм.
Ауэ фэ тхьэмыщкӀэхэр зэфпэсакъым. Къулейхэракъэ фыдэзыкъузэр икӀи хеящӀэхэм я пащхьэм физышэр?
Сыту жыпӀэмэ абыхэм къин ялъагъуркъым, псэуныгъи гуащӀи яӀэщ.
Сыту жыпӀэмэ Уэращ гъащӀэм и къэкӀуапӀэр; Уэ уи нэхунэм щыдолъагъу дэ нэхугъэ.
– УнэӀутым къыщигъэзэжым, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, уи унафэр згъэзэщӀащ, ауэ тӀысыпӀэ нэщӀхэр щыӀэщ иджыри».