5 Лъабжьэ быдэхэм тебгъэуващ Уэ щӀыгур; кӀэзызынкъым ар игъащӀэкӀэ.
Гилеад, Мэнашэ сысейщ; Эфраим – си тажщ; Иудэ – си дыщэ башщ.
Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.
Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.
лажьэ зимыӀэм щэхуу еуэнхэу; ахэр йоуэ абы, мыӀэнкуну, шынэхэркъым.
КӀыфӀыр яхуигъакӀуэри, хэкур игъэункӀыфӀащ, Абы и псалъэм къыпэувыжащ ахэр.
А цӀыхуращ Зиусхьэным и нэфӀ зыщыхуэнур, а цӀыхум и хеягъэр КъегъэлакӀуэ Тхьэм къыхигъэщынщ.
Щхьэщэ къыпхуащӀ зэрыщӀыгуу, пхужаӀэ щытхъу уэрэд, уи цӀэм уэрэд хужаӀэ».