19 Зэманхэр къигъэнэхуэну мазэр Уэ къэбгъэщӀащ; дыгъэр щыкъухьэнум щыгъуазэщ.
Ин дыдэщ Зиусхьэныр, ди Тхьэм и къалэм Абы щӀыхьышхуэ щыхуащӀ.
ЛъапсэкӀуэдыр къахуэбгъэкӀуащ бийхэм, я къалэхэр зэхэпкъутащ; зыми ягу къэмыкӀыжу кӀуэдащ.
Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.
Зиусхьэным ирегъэувыӀэ щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори, зыщытхъуж бзэгухэр,
ЖытӀэ псом я нэхъыщхьэр мыращ: Уафэхэм щыӀэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу дин пашэшхуэ диӀэщ.
Зиусхьэным фӀыуэ къысхуищӀа псоми пэкӀуэу сыт Абы хуэсщӀэжынур?
Ящодыхьэшх уафэм щыпсэур, ящӀонакӀэ абыхэм Зиусхьэныр.