17 Бзухэм абгъуэ щащӀ абыхэм, псейр и псэупӀэщ псыхэуэм.
И гъунэгъур щэхуу зыубыр сэ зыбгъэдэсхунщ; и нэплъэгъукӀэ пагэу, игукӀэ зыкъызыфӀэщӀыжыр схуэшэчынкъым.
Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,
Тхьэм цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэ гъуэгур хъыбарыфӀым къегъэнахуэ. Япэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэсыху а Ӏуэхугъуэр зэщӀа зэрыхъур фӀэщхъуныгъэм и гъуэгукӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ».
Зи гъуэгу къабзэхэр гъуэгу махуэ теуващ – Зиусхьэным и хабзэм и гъуэгу ирикӀуэхэр.
Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.
Сэ жызоӀэ, и фӀагъ журтхэм яригъэкӀын щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь къэкӀуащ. И фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар ди адэшхуэхэр Тхьэм къызэригъэгугъэгъа Ӏуэхухэр Хьисэ, пэжу къыщӀигъэкӀыжэурэ Тхьэм и щыпкъагъэр ригъэлъагъун щхьэкӀэщ.
ГъащӀэ кӀыхькӀэ згъэарызынщ ар, мыкӀуэду къезгъэлынщ».
Си Ӏэ хейхэр стхьэщӀурэ, Зиусхьэн, къызокӀухь уи къурмэнщӀыпӀэр,
Абы и унэм мылъкушхуэрэ къулеигъэрэ илъщ, абы и щыпкъагъэр игъащӀэкӀэ щыӀэнщ.