13 Уи лъагапӀэм ущыӀэу бгыхэр уогъэнщӀ, Уэ уи ӀэщӀагъэхэм я фӀыгъэкӀэ щӀым зегъэнщӀ.
Бзухэм абгъуэ щащӀ абыхэм, псейр и псэупӀэщ псыхэуэм.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?
ираф губгъуэм ис хьэкӀэкхъуэкӀэхэм, шыд Ӏэлхэми ирагъэкӀ я псыхуэлӀэр.
(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.
– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».
– Тхьэм мыпхуэдэу фелъэӀу: «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ.