Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 100:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 ЕмыкӀу къызыпыкӀын Ӏуэху си пащхьэ къизгъэхуэнкъым: Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм я Ӏуэху схуэлъагъуркъым; зыщыздзеинщ абыхэм я Ӏуэху.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 100:3
44 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ибрэхьим игъэлъапӀэ Тхьэм и цӀыху лъэпкъым деж щызэрыугъуеящ цӀыху лъэпкъхэм япщхэр; сыту жыпӀэмэ щӀыгум щынэхъ лъэрыхьхэри Тхьэм и Ӏэ илъщ; Ар абыхэм я щхьэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.


ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


Аращи, Тхьэр зыхуейм тету гугъуехь зышэчхэм Тхьэуэ ахэр къэзыгъэщӀауэ узыщыгугъын хуейм и ӀэмыщӀэ зрыралъхьи, фӀы ирыращӀэ.


Израил ирегуфӀэ ар къэзыгъэщӀам и хьэтыркӀэ; Цион и къуэхэр я Пащтыхьым хурегуфӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ мэл щхьэрыуахэм фахуэдэти, фи псэхэм я хъумакӀуэм икӀи фи мэлыхъуэм деж иджы фыкъэкӀуащ.


Санащхьэм къещӀэкӀа бжыхьыр сыт щхьэкӀэ бгъэуа? Абы къыпыкӀэр блэкӀ псоми пач абы къыхэкӀкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


И щӀыхьыр яхуэфӀуатэ цӀыху лъэпкъхэм, и телъыджащэхэр лъэпкъ псоми евгъащӀэ.


Къызэплъи, жэуап къызэт, Зиусхьэн, си Тхьэ! Си нэхэр къэгъаплъэ, лӀэныгъэм и жейм сыхыумыгъэлъафэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ