7 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр захуэщ, фӀыщӀагъэхэр и щӀасэщ; щыпкъагъэ зиӀэр Абы и нэӀурытщ.
ажал Ӏэщэхэр хуегъэхьэзыр, уалыгъуэн ещӀ и шабзэшэхэр.
Уи тепщэныгъэшхуэм и щӀыхьым и хъыбар яӀуэтэнщ, лъэкӀыныгъэ ину пхэлъыр яӀуэтэнщ,
Сэр папщӀэ ягъэува лъахъэм сыщыхъумэ, бзаджащӀэхэм я лъэхъум.
Зиусхьэн, си бзэм ӀункӀыбзэ ети, си Ӏупэр быдэу убыд;
ЯгукӀэ жаӀащ: «ЛъапсэкӀуэдыр къахуэдгъэкӀуэнщ абыхэм». Тхьэм и зэӀущӀапӀэу хэкум итхэр ягъэсащ.
Уэращ къыхэзыхыр тхьэлъэӀур: цӀыху псори уи деж нэкӀуэнщ я гуэныхьхэм ябжь ятелъу.
Уэракъэ ӀэщӀыб дызыщӀауэ ди дзэм гъусэ къахуэмыхъур, ди Тхьэ?
Тхьэм и гъуэгум дэхащ псори, зэщыркъабзэу зэкӀуэкӀащ; фӀы зыщӀэ яхэткъым зы нэрыбгэ закъуи.
Зиусхьэным ущыгугъыурэ, фӀы лэжь; шынагъуэншэу щӀым ущыпсэунщ итӀанэ.
Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ.
Хьэлэлщ, гущӀэгъущӀщ Зиусхьэныр, щӀэх мыгубжьу, лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж хэлъщ Абы.
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр гъащӀэм нэхърэ нэхъыфӀщи, щӀыхь пхуэсщӀынщ.
СаӀэщӀэхыж бзаджащӀэхэм; лъым щӀэнэцӀхэм саӀэщӀэхыж.
Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ, сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
Сыт хуэдизрэ, Зиусхьэн, сыпщыгъупщэпауэ сыкъэбгъэнэну, уи нэгу сыт хуэдизрэ сщыбгъэпщкӀуну?
Зиусхьэн! Си бийхэм ягу хэбгъэщӀу, уи щыпкъагъэм и гъуэгукӀэ сызешэ. Уи гъуэгур занщӀэ къысхуэщӀ.
Тхьэм дежкӀэ къурмэн щыпкъэр зигу хэщӀарщ, игу къутауэ щӀегъуэжар ӀэщӀыб пщӀынукъым.
Гугъуехьым дыхэтщ, къыддэӀэпыкъу – пщӀэншэщ цӀыхум ущыгугъыныр.