Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 3:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 ПщӀэ зимыӀэ зэдэуэным, лъэпкъ зэтепщӀыкӀхэм, Торэт хабзэм теухуа зэгурымыӀуэными зэщыхьэными защыхъумэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм фӀагъ лъэпкъ къадэкӀуэркъым, пщӀэи яӀэкъыми.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 3:9
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А Ӏуэхухэр ягу къэгъэкӀыж. Псалъэ зэпаубыдурэ зэмыдэуэну Зиусхьэным и пащхьэм лъэщу щагурыгъаӀуэ. Зэдэуэныгъэм фӀы къыдэкӀуэркъым, абы едаӀуэхэм я зэранщ къахухэкӀыр.


ПщӀэ зимыӀэ икӀи щӀэныгъэ зыхэмылъ зэдэуэныгъэхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Абыхэм цӀыхухэр зэрызэщагъыхьэр уощӀэ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ фыз хъыбархэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэм пэӀэщӀэ зыщӀ, апхуэдэхэм яхэтхэр Тхьэм нэхъ пэжыжьэ хъу зэпытщи.


икӀи журтхэм я шыпсэхэми, щыпкъагъэм зи щӀыбагъыр хуэзыгъэзахэм я унафэхэми емыдэӀуэн зэрыхуейр.


Тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: Дэ псоми щӀэныгъэ зэрыдиӀэр дощӀэ. ЩӀэныгъэм цӀыхухэм закъыфӀегъэщӀыж, фӀылъагъуныгъэм цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт.


Тхьэм езым и псалъэхэр си гум кърилъхьэурэ, ахэр жысӀэну лъэкӀыныгъэ къызитауэ сиӀэми, щэху псори сщӀэми, щӀэныгъэ псори сиӀэми, бгыхэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэм згъэӀэпхъуэфыну фӀэщхъуныгъэ сиӀэми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, сэ сызырикӀщ.


Зэбииныгъэрэ зэщыхьэныгъэрэ дэнэ къикӀыу къыфхыхьэрэ? Хъуэпсэныгъэ Ӏейхэу фигухэм илъу щызэныкъуэкъухэракъэ къызыхэкӀыр?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ