Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 3:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытауэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэу дызыщыгугъыурэ дызыпэплъэр ӀыхьэфӀу къытлъигъэсын щхьэкӀэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 3:7
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи.


Мэссихь Хьисэ абыхэм я щхьэхэр зэрищэхужам щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу елъытэ.


ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэ къигъэлъэгъуащ.


Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.


Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.


Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.


Тхьэм ахэр къыщӀыхихар и нэфӀ абыхэм къызэращыхуар арщ. Абыхэм ялэжьа ӀуэхуфӀхэм я дэлъ абы хэлъкъым. Апхуэдэу щымытмэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэфӀ щыхуэныгъэ хъунтэкъым.


Мэссихь фызэрейм щхьэкӀэ Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фащыщщ. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэр фэри къыфлъысынущ абы щыгъуэ.


Аращи, Тхьэм къигъэгугъахэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. Апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм дыкъызэригъэгугъахэр абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къызэрыдитыр нахуэ хъун, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псоми Тхьэм къызэригъэгугъахэр ягъуэтын щхьэкӀэщ. Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхуу жыхуэсӀэхэр Торэт хабзэм тетхэм я мызакъуэу, Торэт хабзэм темыту Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэу иӀам хуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри арщ. Пэжщ, Ибрэхьим дэ псоми ди адэ хуэдэу щытщ,


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэр ди фӀэщ мэхъу. Торэт хабзэм и Ӏуэху абы хэлъкъым.


Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым.


ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм къритыну къызэригъэгугъа къэралым хамэм хуэдэу щыпсэууэ щытащ ар. А къэралым Ибрэхьим шэтырхэм щӀэсу щыпсэууэ щытащ. Исхьэкъри Екъубри шэтырхэм щӀэсащ. Ибрэхьим Тхьэм къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр абы и гъусэу абыхэми къалъысыну щытащ.


ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.


Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм и мурадыр зэрызэблимыхъунур яригъэлъагъуну хуеяти, къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зэригъэзэщӀэнур псалъэ быдэкӀэ къахуигъэпэжащ.


Аращи, уэ уунэӀутыжкъым, атӀэ къуэ ухъуащ. Къуэ узэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъигъэсыр уэри къыплъигъэсынущ.


ЦӀыху гуэрым Ӏуэху щищӀэкӀэ, лэжьапщӀэр тыгъэу къратыркъым, атӀэ къилэжьащи, кърат.


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.


Хьисэ гъуэгум щытехьэжым, лӀы гуэр къыбгъэдэлъадэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?


Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэу фӀыуэ дызылъэгъуауэ, зи нэфӀ щыхуэныгъэмкӀэ сыт щыгъуи дызыгъэгушхуэм фӀыгъуэм дыщегъэгугъ. Абырэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ, сыт хуэдэ фӀыгъуэри вгъэзэщӀэн икӀи къыжыфӀэн щхьэкӀэ, фрырагъэгушхуэ, фигури ирырагъэбыдэ.


МелыӀычхэр Тхьэм хуэӀурыщӀэ псэуэ щытщ, мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну ахэр Тхьэм къегъакӀуэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ