Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 3:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр5 дымыкӀуэду дыкъригъэлащ. Щыпкъагъэ зыхэлъ Ӏуэхуу дэ длэжьахэм я Ӏуэху абы хэлъакъым, атӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар гущӀэгъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ди гур къызэригъэкъэбзэжамкӀэ щӀэрыщӀэу дыкъалъхужауэ дищӀащ, ди гурылъхэри зэблихъуащ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.