Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 3:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Си гъусэ псоми фӀэхъус къуахыж. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэу фӀыуэ дызылъагъухэм фӀэхъус схуехыж. Тхьэм и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 3:15
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.


Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.


Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уэ, Гай лъапӀэм, мы тхылъыр ныпхузотх.


Зиусхьэн ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми яхууиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэсхащ.


Зиусхьэныр уи псэм гъусэ хурехъу. Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Уэ, Тимофей, фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ, си къуэ пэжым хуэдэ хъуам, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэнымрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.


Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀ къыфщрехуэ.


Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?


Си гъусэхэмрэ сэрэ ди дызыхуэныкъуэр си ӀэхэмкӀэ къызэрызлэжьар фощӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ