10 ФызэгурызымыгъаӀуэ цӀыхум зэрэ тӀэурэ еущие, къомыдаӀуэмэ, пэӀэщӀэ зыщӀ.
Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.
Фи деж зыгуэр къакӀуэу, Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм яхуэмыдэ фигъэлэжьмэ, ар фи унэм щӀэвмыгъэхьэ, фӀэхъуси евмых.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.
Мы тхылъымкӀэ нывжетӀэм цӀыху гуэр емыдаӀуэмэ, а цӀыхум гу лъыфтэ, вгъэукӀытэн щхьэкӀи гъусэ фыхуэмыхъу абы.
Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.
тхьэ нэпцӀхэр гъэлъэпӀэныр, удыгъэ зехьэныр, зэбииныр, зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, цӀыхум езым фӀэкӀа зыри фӀыуэ имылъагъуныр, зэгурымыӀуэныр, гуп-гупу зэхэкӀыныр,
Фызыгъэгулэзхэр лъэныкъуэ ирагъэзакӀэщэрэт!
Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ.
ЕтӀуанэрейуэ фи деж сыщыщыӀам, мыр фэзухылӀащ. Иджы фи деж сыщымыӀэми, аргуэру фызоухылӀэ: нэхъапэ гуэныхь зыщӀахэмрэ адрей цӀыхухэмрэ сыщыкӀуэкӀэ сащысхьынукъым,
Тхьэм и лъэпкъым бегъымбар нэпцӀхэри яхэтащ. Апхуэдэу, дин егъэджакӀуэ нэпцӀхэр фэри къыфхэтынущ. ЦӀыхухэм гу лъамытэу, ахэр зыгъэунэхъун Ӏуэхугъуэхэр ирагъэщӀэнущ. Зиусхьэну я щхьэхэр къэзыщэхужари ядэнукъым. Апхуэдэу щыхъукӀэ, езыхэм епӀэщӀэкӀыу загъэунэхъуж.