8 Зыгуэрым узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, узыщыгугъ хъуну хъыбархэр цӀыхухэм егъащӀэ, къытхужаӀэн Ӏей ямыгъуэту, уэ къыппэув цӀыхухэр укӀытэжын щхьэкӀэ.
Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.
Тхьэр зыхуейр мыращ: фӀыгъуэ длэжькӀэрэ, зыри зымыщӀэ цӀыху гулъытэншэхэм я жьэр едгъэубыдынырщ.
МыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэвмыщӀэжу фигухэр къабзэу щывгъэт, Мэссихь зи гум илъхэм яхуэфащэу фи псэукӀэ тэрэзым къыщӀэнакӀэхэр жаӀахэмкӀэ укӀытэжын щхьэкӀэ.
Зыгуэрым Ӏуэху пхэнжхэр фигъащӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и псалъэу дызыщыгугъын хуейхэм темытмэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум зэрилъыным теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэми темытмэ,
Мы тхылъымкӀэ нывжетӀэм цӀыху гуэр емыдаӀуэмэ, а цӀыхум гу лъыфтэ, вгъэукӀытэн щхьэкӀи гъусэ фыхуэмыхъу абы.
Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ.
Хьисэ ар щыжиӀэм, къыпэувауэ щыт цӀыху псори укӀытэжащ, ауэ адрейхэр Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэ псоми щыгуфӀыкӀащ.
Торэт егъэджакӀуэ пашэм губзыгъэу жэуап къызэритар щилъагъум, Хьисэ абы жриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэным упэжыжьэкъым уэ. Абы щыщӀэдзауэ, Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым.
– Дэгъуэщ, дин егъэджакӀуэ, – къыжриӀащ торэт егъэджакӀуэ пашэм Хьисэ, – Тхьэр зэрызакъуэр, абы фӀэкӀа Тхьэ зэрыщымыӀэр пэжу жыпӀащ.
Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрым Хьисэрэ саддукейхэмрэ зэрызэдауэр зэхихащ икӀи Хьисэ жэуап тэмэм къазэрыритар илъэгъуати, къыбгъэдыхьэри, къеупщӀащ: – Тхьэм и унафэ псоми ящыщу дэтхэнэра нэхъ ин дыдэр?
– Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Хьисэ хуабжьу ягъэщӀэгъуащ абыхэм.
Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.