7 ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.
Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь.
Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.
Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.
ЕмыкӀу зыхэлъ Ӏуэху щэхухэм захуэдгъазэркъым. Хьилагъэ дыхэткъым. Тхьэм и псалъэхэри зэӀыдгъэхьэркъым. Щыпкъагъэр ягурыдгъаӀуэурэ цӀыху псоми ягу дызэрырихьыным Тхьэм и пащхьэм дыщыхэтщ.
Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.
ЗывэдгъэгъэхьэщӀэну хуитыныгъэ димыӀауэ аракъым дыщӀэлэжьар, атӀэ ди лъэужьым фрикӀуэну щапхъэ дыфхуэхъун щхьэкӀэщ.
МыкӀуэдыжын фӀылъагъуныгъэ зиӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. Ӏэмин.
Тхьэм и псалъэхэр зэӀызыгъыхьэ цӀыху куэдым дахуэдэкъым. Мэссихь ди псэм щыщу, щыпкъагъэ ди гум илъу, Тхьэм дрилӀыкӀуэщи, езым и пащхьэм абы и псалъэхэр цӀыхухэм щахудоӀуатэ.
Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, ауэ нэгъуэщӀхэм яӀэ егугъуныгъэшхуэм хуэзгъадэурэ, фэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэм и щыпкъагъэр згъэунэхуну сыхуейщ.
зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.
А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.