Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 2:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэ къигъэлъэгъуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 2:11
50 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлыну икӀи щыпкъагъэр ящӀэну хуейщ ар.


Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ.


Хьисэ гугъуехь ишэчурэ зэрылӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы щӀыхьышхуэрэ лъытэныгъэшхуэрэ зэрыхуигъэфэщар долъагъу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Хьисэ цӀыху псоми я пӀэкӀэ лӀэныгъэр илъагъун папщӀэ, Тхьэм ар зытэлайкӀэ мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу ищӀащ.


Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэу фӀыуэ дызылъэгъуауэ, зи нэфӀ щыхуэныгъэмкӀэ сыт щыгъуи дызыгъэгушхуэм фӀыгъуэм дыщегъэгугъ. Абырэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ, сыт хуэдэ фӀыгъуэри вгъэзэщӀэн икӀи къыжыфӀэн щхьэкӀэ, фрырагъэгушхуэ, фигури ирырагъэбыдэ.


Ӏэдэм ищӀа гуэныхьхэр Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къыдит тыгъэшхуэм хуэдэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀкӀэ цӀыху куэд лӀащ. Ауэ а гуэныхьу ищӀам нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр куэдкӀэ нэхъ инщ икӀи зы цӀыхуу Хьисэ Мэссихьым и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ цӀыхубэм ярит тыгъэшхуэр куэдкӀэ нэхъ инщ.


А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.


Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.


Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.


ЦӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур цӀыху псоми ялъагъунущ».


Ауэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ ину къысщыхуащ икӀи Мэссихь Хьисэ си псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэрэ фӀылъагъуныгъэрэ си гум илъ хъуащ.


Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.


Зиусхьэным фӀыуэ елъагъу ер зи жагъуэхэр! Езым и цӀыху лъапӀэхэм я псэр Абы къехъумэ, гуэныхь зылэжьхэм къыӀэщӀехыж.


Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.


Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм сыхуэмейуэ щыткъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытатэмэ, абы щыгъуэ Мэссихь пщӀэншэу лӀауэ хъунт.


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мыпхуэдэу унафэ къытхуищӀащ: «Хамэ лъэпкъхэм нэхугъэ уахуэхъуну узгъэуващ, щӀым и гъунэхэм нэсыху, цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлын щхьэкӀэ».


ЗэӀущӀэр щызэбгрыкӀыжым, журтхэм ящыщ куэди, журт хъуа хамэхэм ящыщ куэди Паулрэ Варнавэрэ ящӀыгъут. Епсалъэурэ, а тӀум абыхэм быдэу гурагъэӀуащ Тхьэм и нэфӀыр къазэрыщыхуэнум и ужь ит зэпыту щытын зэрыхуейр.


Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.


Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.


– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.


Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,


Фэ фщыщ зыми Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм зэрызыхимыгъэныным фыхуэсакъ. Зи зэран къакӀуэ лъабжьэ дыджу, цӀыху куэдыр зыгъэуфӀейр къыфхремыкӀ.


Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.


Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.


Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ».


Къретэдж Тхьэр, зэбгрырекӀыж Абы и бийхэр. Ар зылъагъу мыхъухэр Абы и пащхьэ ирекӀыж!


БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;


ауэ иджы дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь къызэрылъэгъуамкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нахуэ къэхъуащ. Хьисэ Мэссихь лӀэныгъэр игъэкӀуэдащ, хъыбарыфӀымкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ къытхуигъэнэхуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ