Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Нэхъыжьыр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ лӀыуэ щытын хуейщ. И бынхэми фӀэщхъуныгъэ яӀэн хуейщ. Ахэр мыхъумыщӀэ псэукӀэкӀи мыдэӀуэныгъэкӀи къуаншэ хъу хъунукъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1:6
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ДэӀэпыкъуэгъур зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ,* и бынхэмрэ и унагъуэмрэ фӀыуэ зезыхьэ лӀыуэ щытын хуейщ.


ЦӀыху мыдаӀуэ куэд щыӀэщ, псом хуэмыдэу сунэт ящӀахэм ящыщу. Псалъэ пщӀэншэхэр зэпымыууэ къыжаӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэри дахьэх.


Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.


Ди къуэшхэ, дыныволъэӀу, лэжьэну зымыдэхэм зэрыщыуэр ягурывгъаӀуэ, зи гур кӀуэдахэр вгъэгушхуэ, дэӀэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэӀэпыкъу, цӀыху псоми шыӀэныгъэкӀэ фадэгъуэгурыкӀуэ.


Иудей хэкум и пащтыхь Ирод и тетыгъуэм Зэчрей зи цӀэ дин пашэ гуэр щыӀащ. Ар АвиекӀэ зэджэ дин пашэ гупым яхэтт. И щхьэгъусэ Елизавет Хьэрун къытехъукӀахэм ящыщащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ къыхэсхащ Ибрэхьим, езым и къуэхэми, езым и ужькӀэ къэнэну и унагъуэми, щыпкъагъэрэ захуагъэрэ ялэжьу сэ Зиусхьэным си гъуэгум ирикӀуэну унафэ яхуищӀын папщӀэ. Сэ, Зиусхьэным, Ибрэхьим зэрызгъэгугъа псори згъэпэжынущ.


Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм щхьэкӀэ хабзэр зэрамыгъэувар дощӀэ, хабзэр зыхуагъэувахэр мыхэращ: Хабзэм текӀхэмрэ хабзэм пэувхэмрэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр, гуэныхь зыщӀэхэр, зи гур мыкъабзэхэр, Тхьэр зымыгъэлъапӀэхэр, адэ-анэхэр зыукӀыжхэр, лӀыукӀхэр,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ