Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Сэ цӀыхухэм ялъэзгъэӀэс хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и хъыбарыр игъуэ дыдэм нахуэ ищӀащ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм а хъыбарыфӀыр си пщэм къыдилъхьэри, цӀыхухэм ар яхуэсӀуэтэну унафэ къысхуищӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1:3
39 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ сы-Паулщ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьу дызыщыгугъымрэ я унафэкӀэ Мэссихь и апостол сыхъуащ.


Абы нэмыщӀу, мыдыгъуэну икӀи я щыпкъагъэр сыт щыгъуи къагъэлъэгъуэну ягурыгъаӀуэ. Апхуэдэу хъумэ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм цӀыхухэм щӀыхь хурагъэщӀынущ абыхэм ялэжь ӀуэхухэмкӀэ.


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


Гугъу зедгъэхьурэ куэду дыщӀэлажьэр цӀыху псори, псом япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэуэ гъащӀэ зиӀэм дызэрыщыгугъыр арщ.


Ар фӀыщ икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм игъуэу елъытэ.


Ауэ Тхьэм а Ӏуэхур дгъэзэщӀэну къытхуигъэфащэу, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм едгъэщӀэну ди пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ а хъыбарыфӀыр доӀуэтэж. ЦӀыхухэм ягу зредгъэхьыну дыхэткъым, Тхьэуэ ди гум и щыпкъагъэр зыгъэунэхум игу зредгъэхьыну арщ дызыхэтыр.


Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.


Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.


Мэссихь къакӀуэри, фэ, Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэми, абы и гъунэгъуу щыта цӀыхухэми, зэкӀужыныгъэм и хъыбарыр къывигъэщӀащ.


Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.


Ар сыхуейуэ сщӀэмэ, ӀыхьэфӀыр згъуэтынущ. Ауэ сфӀэмыфӀу сщӀэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур згъэзащӀэ къудейуэ арщ.


Аращи, кесарым и унэшхуэу преторие зи цӀэм и хъумакӀуэхэмрэ адрей цӀыху псомрэ Ӏупщ ящыхъуащ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ цӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀар.


Тхьэм игъэува зэманым, дэ дэӀэпыкъуэгъу дыщызэхуэмыхъужыфым, дэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм, щхьэкӀэ Мэссихь лӀащ.


Тхьэм зы цӀыху закъуэм цӀыху лъэпкъ псори къыхигъэхъукӀащ, ахэр дунейм дэнэкӀи щыпсэун щхьэкӀэ. Я тетыгъуэхэмрэ я псэупӀэхэмрэ гъунапкъэ яхуэхъунур игъэуващ.


Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.


СымыкӀуэду сыкъезыгъэл Тхьэм ину сыщогуфӀыкӀ,


– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.


ХъыбарыфӀыр лъэпкъ псоми хуаӀуэтэн хуейщ япэщӀыкӀэ.


Пшэм хэтыр гъубжэкӀэ щӀылъэм щыхэри, щӀылъэм и гъавэ псори къихащ.


Тхьэм и мураду игъуэ къыщыскӀэ игъэзэщӀэнур уафэми щӀылъэми щыӀэ псори зы ищӀурэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувэну аращ.


– Махуэр къэсащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ; фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, хъыбарыфӀыр фи фӀэщ фщӀы, – жиӀэрт абы.


Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ