Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр16 Тхьэр ящӀэу жаӀэ, арщхьэкӀэ ялэжь ӀуэхухэмкӀэ Тхьэр зэрамыщӀэр ӀупщӀу къагъэлъагъуэ. Ахэр цӀыху гущыкӀыгъуэщ, жыӀэмыдаӀуэщ, сыт и лъэныкъуэкӀи фӀагъ лъэпкъ къапыкӀыркъым. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.