10 ЦӀыху мыдаӀуэ куэд щыӀэщ, псом хуэмыдэу сунэт ящӀахэм ящыщу. Псалъэ пщӀэншэхэр зэпымыууэ къыжаӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэри дахьэх.
ЦӀыху гуэрхэр абыхэм текӀри, пщӀэ зимыӀэ зэныкъуэкъуныгъэхэм хыхьащ.
ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэш нэпцӀ гуэрхэу ди къуэшхэм захэзыгъэзэрыхьахэр арат зыхуеяр. Мэссихь Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, диӀэ щхьэхуитыныгъэм еплъакӀуэу, Торэт хабзэм и бжьым дыщӀагъэувэжыну и ужь итт ахэр.
Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.
Зыгуэрым Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъ фӀэщӀу, ауэ и бзэр имыубыдмэ, абы и щхьэр къегъэпцӀэж, и динри пщӀэншэщ.
ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ; абыхэм нэгъуэщӀ цӀыхухэр дахьэх, езыхэми я щхьэр къагъэпцӀэж.
Апхуэдэу щыхъум, Петр Ерусалим щыкӀуам, сунэт ящӀахэм Петр илэжьар ямыдэу,
Ауэ Ӏуэху мыхъумыщӀэ гуэрхэр вдызолъагъу: Билеам и гъуэгум тет цӀыхухэр къыфхэтщ. Билеамщ Балак зыгъэӀущар, израил цӀыхухэм гуэныхь яригъэщӀэн щхьэкӀэ. Хамэ лъэпкъхэм щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр Балак израил цӀыхухэм яригъэшхащ икӀи зинэ яригъэщӀащ.
Ауэ ӀуэхугъуэфӀ гуэр фэ вдызолъагъу: Николай и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупым ялэжь Ӏуэху бзаджэхэр уи жагъуэщ, сэ абыхэм я Ӏуэхухэр зэрызижагъуэм хуэдэу.
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, мыр иужьрей дыдэ зэманщ. Антихрист къэкӀуэну зэрызэхэфхам хуэдэу, Антихрист куэд къэкӀуащ иджы. Апхуэдэу, и ужь дыдэ зэманыр къызэрысар дощӀэ.
Щыпкъагъэр зэхахыну ямыдэу, гъуэщауэ, шыпсэ гъэщӀэгъуэнхэм едэӀуэнущ.
Акъылыншэ Галатие цӀыхухэ! Хэт фыдэзыхьэхар! Зэпкърыхауэ фхуэтӀуэтэжакъэ Хьисэ Мэссихь жорым зэрыраӀулӀар?
Сэ дунейм сехыжа нэужь, хъушэм щымысхьыну дыгъужь бзаджэхэр къызэрыфхыхьэнур сощӀэ.
ЛӀы гуэрхэр Иудей хэкум къикӀщ, Антиохие къакӀуэри, къуэшхэм мыпхуэдэ жраӀэу щӀадзащ: – Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм сунэт фащӀын хуейуэ къегъэув, сунэт фамыщӀмэ, Тхьэм фымыкӀуэду фыкъригъэлынукъым.
ЦӀыху гуэрхэр дэ къытхэкӀри, „Сунэт фащӀын хуейщ икӀи Мусэ и Торэт хабзэм итхэм федэӀуэн хуейщ“, жаӀэурэ, я псалъэхэмкӀэ фызэӀащӀауэ икӀи фагъэгузэвауэ дэ зэхэтхащ, ауэ ахэр дэ нэдгъэкӀуакъым.
Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм щхьэкӀэ хабзэр зэрамыгъэувар дощӀэ, хабзэр зыхуагъэувахэр мыхэращ: Хабзэм текӀхэмрэ хабзэм пэувхэмрэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр, гуэныхь зыщӀэхэр, зи гур мыкъабзэхэр, Тхьэр зымыгъэлъапӀэхэр, адэ-анэхэр зыукӀыжхэр, лӀыукӀхэр,
Нэхъыжьыр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ лӀыуэ щытын хуейщ. И бынхэми фӀэщхъуныгъэ яӀэн хуейщ. Ахэр мыхъумыщӀэ псэукӀэкӀи мыдэӀуэныгъэкӀи къуаншэ хъу хъунукъым.
ЦӀыху гуэрым, «Тхьэр сощӀэ», жиӀэ пэтми, Тхьэм и унафэхэр имыгъэзащӀэмэ, ар пцӀыупсщ, абы щыпкъагъи хэлъкъым.
Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фызабэхэм я унэхэр къатывох икӀи цӀыхухэм зевгъэгъэщӀэгъуэн щхьэкӀэ, фи тхьэлъэӀухэр кӀыхьлӀыхь фощӀ. Тхьэм хуабжьу фигъэпшынэнущ абы щхьэкӀэ.