6 Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр.
Мы унафэм тет цӀыху псоми Тхьэм и израил цӀыхухэми Тхьэм гузэгъэгъуэ къарырет, гущӀэгъуи къахурещӀ.
Абыхэм ящыщ зыкъом мыщыпкъэу къыщӀэкӀамэ, абыхэм я мыщыпкъагъэм Тхьэм и щыпкъагъэр игъэкӀуэдыжыфыну?
Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.
Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.
Дэ дигум щыпкъагъэ имылъми, абы и гум щыпкъагъэ сыт щыгъуи илъынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым зыкъигъэпцӀэжын лъэкӀынукъыми.
Апхуэдэу езым и псалъэхэр къызыхуэкӀуа цӀыхухэм «Фэ тхьэуэ фыщытщ», жиӀэри Тхьэм яжриӀащ.
А си къуэшхэр израил лъэпкъырщ. Ахэрщ Тхьэм езым и бын ищӀар. Ахэращ Тхьэм и щӀыхьышхуэр зригъэлъэгъуар. Тхьэм езымрэ абыхэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэр дилъхьащ. Торэт хабзэр зритари ахэрщ. Езыр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэр Тхьэм зригъэлъэгъуари ахэращ. Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ игъэгугъари ахэрщ.
Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.