Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 9:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 Сыт-тӀэ жытӀэнур? Хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ яӀэу Тхьэм зэрилъытэнум и ужь иту щымытами, фӀэщхъуныгъэ яӀэу зэрыщытам щхьэкӀэ Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 9:30
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.


ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.


Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.


Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар къэзыгъэлъагъуэ мыхъуру икӀи дамыгъэу сунэт щӀыныр абы къыхуигъэнащ. А Ӏуэхур апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим сунэт ямыщӀа цӀыхуу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм адэ хуэдэу яхуохъу, Тхьэм абыхэми щыпкъагъэ яӀэу илъытэн щхьэкӀэ.


Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ.


Дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэнум дыщогугъэ. Апхуэдэу зэрыхъунум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми дыщегъэгугъ.


Ешайа бегъымбарми Тхьэм и цӀэкӀэ, гушхуауэ, къыжиӀащ итӀанэ: «Сыкъэзымылъыхъуа цӀыхухэм сыкъагъуэтащ, къысщӀэмыупщӀахэми зезгъэлъэгъуащ».


Ауэ цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Хэт уафэм дэкӀуеинур жыпӀэу уигукӀэ жумыӀэ». (Уафэм дэкӀуеину хэтщ жыхуиӀэщ, Мэссихьу цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур къришэхын щхьэкӀэ).


Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэр мызахуэу пӀэрэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.


Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.


Апхуэдэу фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм папщӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм Хьисэ Мэссихь деж дишэну, пашэ къытхуэхъуащ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ хамэ лъэпкъхэм ящыщхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнур. Апхуэдэу щыхъукӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ,* Тхьэм Ибрэхьим хъыбарыфӀыр къызэрыжриӀар, «Лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ уэ уи хьэтыркӀэ», жиӀэурэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зигурэ зи псэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум Тхьэм щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ икӀи цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжызыӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ.


Ауэ израил лъэпкъыу Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэ зыщӀын хабзэм и ужь итахэм а хабзэр ягъуэтакъым.


Аращи, фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀэу Тхьэм декӀужауэ щытщ.


ТхьэмкӀэ апхуэдизу фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ.


Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къигъэгугъащ щӀылъэр я ӀыхьэфӀу къызэралъысынумкӀэ. Ибрэхьим Торэт хабзэм итхэр игъэзэщӀауэ аракъым Тхьэм а ӀыхьэфӀымкӀэ щӀигъэгугъар, атӀэ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар арщ.


Гъуэгу махуэ теувахэр сунэт ящӀахэм я закъуэ, е сунэт ямыщӀахэри яхэт абыхэм? Сунэт ямыщӀахэри яхэтщ, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащи.


Ди бзаджагъэм Тхьэр зэрыщыпкъэр нэхъ къигъэнахуэмэ, сыт жытӀэнур? И губжьыр къыщытлъыскӀэ, Тхьэр мызахуэу жытӀэну? Ахэр цӀыхубзэкӀэ къыжызоӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ