Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 9:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Си къуэшу си лъэпкъым щыщхэм си фӀагъ езгъэкӀын слъэкӀатэмэ, Тхьэм и ней къысщыхуэу, Мэссихь сызыбгъэдигъэкӀыну сыхуеинт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 9:3
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Си Ӏуэхур щӀэзгъэлъапӀэр си лъэпкъым щыщхэр фэ хамэ лъэпкъхэм къывэзгъэфыгъуэну икӀи абыхэм ящыщ зы гуп мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну арщ.


Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ».


Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


ХъыбарыфӀу дэ фхуэтӀуэтам фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм, дэрами уафэм щыщ мелыӀычырами, Тхьэм и ней къыщрехуэ.


Аращи, мыр къывгурызгъэӀуэну сыхуейщ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ къэпсалъэу, Хьисэ ебгын зыми лъэкӀынукъым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ мыхъумэ, зыми «Хьисэщ Зиусхьэныр» жиӀэфынукъым.


Аращи, сыщӀоупщӀэ: Тхьэр езым и лъэпкъым хуэмеиж хъуа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэри израил лъэпкъым сыщыщщ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм сащыщщ, Биниамин и унагъуэ лъэпкъым сыщыщщ.


(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.


Лабан къыжриӀащ абы: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ си къупщхьэми силми ущыщщ. Арати, щыпсэуащ абы деж Екъуб мазэ псэукӀэ.


Ар зэрыпэжымкӀэ дин пашэшхуэри Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псори щыхьэт къысхуэхъуфынущ. Абыхэм Дамаск дэс журт къуэшхэм тхылъхэр хуатхри къызатащ. ИтӀанэ Дамаск сыкӀуэну гъуэгу сытетт, а гъуэгум ирикӀуэхэм Ӏэхъулъэхъу ярылъу Ерусалим къезгъашэу ди пашэхэм абыхэм тезыр ятрезгъэлъхьэн щхьэкӀэ.


– Уи хъыбарыр зэрыт тхылъ гуэри Иудей хэкум къикӀыу къытхуэкӀуакъым, – къыжраӀащ абыхэм. – Абы къикӀыу мыбы къэкӀуа къуэшхэми уэ птеухуауэ Ӏей лъэпкъ къыдагъэщӀакъым икӀи къыджаӀакъым.


А хъыбарыфӀыр зытеухуар и Къуэращ. Ар цӀыхуу къэхъуауэ, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщащ.


Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ГухэщӀышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ сиӀэщ.


Си унэкъуэщу Андроникрэ Юнийрэ, лъэхъуэщым къыздыщӀэсу щытахэм, фӀэхъус схуефхыж. Ахэр апостол цӀэрыӀуэхэм ящыщщ. Си япэ абыхэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Си унэкъуэщ Иродион фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэныр зи псэм щыщу, Наркисс и унагъуэм исхэм фӀэхъус схуефхыж.


Си лэжьэгъу Тимофей, си унэкъуэщу Луций, Иасон, Сосипатер сымэ фӀэхъус къывахыж.


Фэ фӀы дыдэу фыслъагъуу, фэ нэхъ мащӀэу фӀыуэ сыкъэфлъагъужу щыт пэтми, фи псэхэм щхьэкӀэ сиӀэу хъуар згъэкӀуэдыну икӀи си щхьэкӀэ зызгъэкӀуэдыжыну си гуапэщ.


ИпэкӀэ къыжытӀэгъар аргуэру къыжызоӀэж: фэ къабыл фщӀа хъыбарыфӀым фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм Тхьэм и ней къыщрехуэ.


Фэ, унэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм фащышынэу, фигури къикӀэзызыкӀыу федаӀуэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ фызэредаӀуэм хуэдэу, абыхэми федаӀуэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ