18 Апхуэдэу Тхьэм цӀыху гуэрым гущӀэгъу къыхуищӀыну хуеймэ, гущӀэгъу къыхуещӀ, цӀыху гуэр ерыщ ищӀыну хуеймэ, ерыщ ещӀ.
Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.
«Тхьэм абыхэм анэхэр нэф ищӀащ, ягухэри ерыщ иригъэкӀуащ. Аращи, я нэхэмкӀэ ялъагъуркъым, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀыркъым, Тхьэм игъэхъужын щхьэкӀи абы деж къагъэзэжыркъым».
Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм.