Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 9:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Аращи, Тхьэм цӀыху гуэр къызэрыхихыр зэпхар цӀыхур зыхуейр е абы ищӀэ Ӏуэхухэр аркъым, атӀэ езы Тхьэм и гущӀэгъуныгъэшхуэр арщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 9:16
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ.


езым игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм фахуеинуи влэжьынэуи лъэкӀыныгъэ къывэзытыр Тхьэращи.


Езыр хуеяти, щыпкъагъэм и псалъэхэмкӀэ езым и бын дигъэхъуащ, езым къигъэхъуа псоми ящыщу япэ дитын щхьэкӀэ.


ЩӀалэхэр къамылъхуауэ, ери фӀыри ямыщӀауэ, Тхьэм Ревеккэ къыжриӀащ: «Нэхъыжьыр нэхъыщӀэм хуэӀуэхутхьэбзэщӀэнущ». Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар цӀыху гуэр къызэрыхихымкӀэ езым и мурадыр игъэзэщӀэну арщ. ЦӀыхум ищӀа Ӏуэхухэм емылъытауэ, зыхуей цӀыхур Тхьэм езым къыхех,


Асыхьэт дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ину къигъэгуфӀэри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн, мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.


Жьыр езыр здыхуеймкӀэ къопщэ. И макъри зэхыбох, ауэ къыздикӀри здэкӀуэри пщӀэркъым. Аращ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀа дэтхэнэ цӀыхуми и Ӏуэхур зытетыр.


Абы и Ӏуэхур икъукӀэ щытхъу зыпылъщ, дахэщ, игъащӀэкӀэ щыӀэнщ Абы и щыпкъагъэ.


Хьисэ бгы лъагэ дыдэ гуэрым дишщ, дунейм тет къэралыгъуэ псори абыхэм ябгъэдэлъ щытхъури къригъэлъагъури,


– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.


Ерусалим сыкӀуэн хуейуэ Тхьэм къызгуригъэӀуати, сыкӀуащ. Хамэ лъэпкъхэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀыр унафэщӀ къуэшхэм я закъуэу я пащхьэм щысӀуэтащ, сэ злэжь икӀи злэжьа Ӏуэхур пщӀэншэ мыхъун щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ