Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 АрщхьэкӀэ фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэркъым икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр пэжыгъэкӀэ фигу щилъкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу фрокӀуэ. Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъыр Мэссихь и цӀыхухэм ящыщкъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:9
35 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ, ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ.


Тхьэм и унэшхуэм фызэрыхуэдэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум зэрилъри фщӀэркъэ?


Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу ди гум илъымкӀэ хъумэ.


Фэ фи пкъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым зэриунэ лъапӀэр, фипкъхэри фыфейуэ зэрыщымытыр фщӀэркъэ?


Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр аращ. Дунейм и цӀыхухэм ар зэрамылъагъум икӀи зэрамыцӀыхум щхьэкӀэ, ягу ирагъэлъын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ фэ ар фоцӀыху, ар фи гъусэщи икӀи фи гум сыт щыгъуи илъщи.


Фэ фи псэми Мэссихь щыщ хъуащ. Мэссихь фи псэм щыщ щыхъуар щыпкъагъэм теухуа хъыбару, фымыкӀуэду фыкъезыгъэл хъыбарыфӀыр щызэхэфхам щыгъуэщ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ щыхъум, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу дыкъызэригъэгугъар мыхъурым хуэдэу фи гум кърилъхьащ.


Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.


Фэ Мэссихь фи псэм щыщщи, мывэхэм фахуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зэрыс унэм Мэссихь фэри фыхегъэувэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.


ЦӀыхум къыхуэхъур цӀыхущ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀ цӀыхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхущ.


Тхьэм фызэрелъэӀум щхьэкӀи, Хьисэ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр дэӀэпыкъуэгъу къызэрысхуэхъум щхьэкӀи мы гугъуехьым сыкъызэрыхэкӀыжынур сощӀэри.


Тхьэм и псэм дызэрыщыщри езыри ди псэм зэрыхэлъри къыдэзыгъащӀэр Тхьэм ди гум кърилъхьа и Псэ ЛъапӀэр арщ.


Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зарефтынур фощӀэ. АтӀэ, абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ яритынукъэ Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и Псэ ЛъапӀэм къелъэӀухэм?


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Тхьэм фрибынщ, бегъымбар нэпцӀхэми фатекӀуащ, фи гум илъ псэр мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъ псэм нэхърэ нэхъ инщи.


Ауэ а Ӏуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкӀэ, и цӀыхухэр къэтэджыжынущ.


Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ. Тхьэр ди псэм зэрыхэлъыр дэзыгъащӀэр езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьар арщ.


Тхьэм и унэшхуэмрэ тхьэ нэпцӀхэмрэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ, Тхьэм къызэрыжиӀам хуэдэу: «Сэ абыхэм сахэсынущ икӀи сахэтынущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри си лъэпкъыу щытынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэкӀуам Тхьэм и псалъэхэрщ жиӀэр. А цӀыхум и гум Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр кърилъхьэ зэпытщ.


Мэссихь гугъуехьхэр ишэчу, абы и ужькӀэ щӀыхьышхуэ иӀэ зэрыхъунур бегъымбархэм я гум илъ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм къыщыжиӀэм, зытепсэлъыхьа зэманри Мэссихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэри бегъымбархэм зэрызрагъэщӀэным и ужь итащ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.


Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.


Фи нэм иубыдыращ флъагъу къудейр. Фэ фщыщ гуэрым и псэм Мэссихь щыщу и фӀэщ хъумэ, апхуэдабзэу дэри ди псэм Мэссихь зэрыщыщым ирегупсыс.


– Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъум си псалъэхэр игъэзэщӀэнущ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си Адэми ар фӀыуэ къилъагъунущ, а цӀыхум деж дыкъэкӀуэнурэ, абы и псэм щыщ дыхъунущ.


Мисие хэкум щынэсым, Вифиние хэкум ихьэну хэтащ, ауэ Хьисэ и Псэ ЛъапӀэм ахэр хуит ищӀакъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ ди гуэныхьышӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэу щыщытам, Торэт хабзэм зэщӀигъэплъа гуэныхьыщӀэ хъуэпсэныгъэхэр ди пкъым щыщ пкъыгъуэхэм хэлът, ажалыр абыхэм къытхухэкӀыу.


Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.


Ауэ Зиусхьэным зыгуэр гъусэ хуэхъумэ, зыгурэ зы псэрэ абы дэхъунущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ