Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:7
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъ цӀыхум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ Ӏуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фӀэделагъэщ, зэхищӀыкӀыни лъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэ закъуэрщ цӀыхухэм ахэр зэхезыгъэщӀыкӀыфынур.


Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.


А махуэхэм яужькӀэ сэрэ израил лъэпкъымрэ дяку дэслъхьэну зэгурыӀуэныгъэр мыращ: Си унафэхэр абыхэм я щхьэм ислъхьэнущ, ягуми истхэнущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри сэ си лъэпкъыу щытынущ, жеӀэ Зиусхьэным.


уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщӀагъэкӀэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ;


Тхьэм икъукӀэ фыпэмыжыжьэу фыщытащ пасэм, фигукӀэ фрибийуэ бзаджагъэхэр фщӀэуэ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дримыкӀуэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэм щыпкъагъэр дгъэзэщӀэну арщ, щыпкъагъэр дгъэзэщӀэн хуейуэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ Тхьэм дрибийуэ дыщыта пэтми, и Къуэм и лӀэныгъэмкӀэ Тхьэм езым дызригъэкӀужащ. Иджы дызэрызригъэкӀужам папщӀэ, абы нэхъри нэхъыбэжу и Къуэм и гъащӀэмкӀэ дымыкӀуэду дыкъригъэлынущ Тхьэм.


Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.


Дунейм и цӀыхухэм фэ жагъуэу фалъагъуфынукъым, ауэ сэ сыкъалъагъу хъуркъым. Абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр зэрыӀейр къыщӀызогъэщри, аращ сыкъалъагъу щӀэмыхъур.


Апхуэдэу жытӀэмэ Торэт хабзэр фӀэщхъуныгъэмкӀэ дгъэкӀуэдрэ? Хьэуэ, дгъэкӀуэдыркъым, атӀэ Торэт хабзэр догъэщыпкъэ.


Ахэр бзэгузехьэщ, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятопсэлъыхь, Тхьэр жагъуэу ялъагъу, цӀыхухэм ягу зрагъабгъэ, зыщотхъуж, загъэпагэ, бзаджагъэхэр къагупсыс икӀи я адэ-анэхэм яхуэӀурыщӀэркъым.


Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ.


Зинэ щӀэным я нэ къыхуокӀ, гуэныхь щӀэнымкӀэ загъэнщӀын ялъэкӀыркъым. Тхьэм и гъуэгум быдэу темытхэр дашэх. Ягухэр нэпсеягъэм етащ. Абыхэм Тхьэм и ней къащыхуащ.


Мы унафэхэм я нэхъ цӀыкӀухэм ящыщ гуэрми емыдаӀуэ цӀыхуу адрей цӀыхухэри а унафэм емыдэӀуэну зыгъэӀущым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэкӀэ еджэнущ. Ауэ мы унафэхэр зыгъэзащӀэу, цӀыхухэр абыхэм хуезыджэхэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыху инхэм ящыщкӀэ еджэнущ.


УэрэдыӀуэхэм пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ Бзэпс зэрылъ ӀэмэпсымэхэмкӀэ ягъэӀу


Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэри Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ. Тхьэм и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту аракъым абы къикӀыр, Мэссихь и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэтщ.


Егъэлеяуэ зывгъэцӀыкӀун хуейуэ, мелыӀычхэри вгъэлъэпӀэн хуейуэ нывжезыӀэм зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ цӀыхум, Тхьэм абы къригъэлъэгъуауэ жыхуиӀэ Ӏуэхухэм зэпымыууэ тепсэлъыхьурэ, мы дунейм тет цӀыхухэм я гупсысэкӀэ зэриӀэм щхьэкӀэ пщӀэншэу зыкъыфӀощӀыж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ