Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 Хэт дызыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур? Мэссихь Хьисэ лӀэри, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Иджы Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсщ икӀи Тхьэм дэ тхуолъэӀу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:34
37 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм пэгъунэгъу хъуну Хьисэ зылъигъэкӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын сыт щыгъуи хузэфӀокӀ абы щхьэкӀэ. Хьисэ а цӀыхухэм Тхьэм яхуелъэӀуну игъащӀэкӀэ псэунущи.


ЦӀыхухэм я гум илъыр зыгъэунэху Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм и гум илъри ещӀэ, Тхьэр зэрыхуейм хуэдэу, езым и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуолъэӀуэри.


Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.


ЦӀыхухэм ящӀа шэтыру, Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ пэжым и сурэту щытыракъым Мэссихь зыщӀыхьар, атӀэ уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ дыдэрщ зыщӀыхьар, Тхьэм и пащхьэм дэр щхьэкӀэ иджы ихьэну.


Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.


Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм епсэлъа нэужь, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ икӀи и ижьырабгъумкӀэ щысыну зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


Мэссихь фригъусэу Тхьэм лӀахэм факъыхигъэтэджыкӀыжащ. Аращи, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу Мэссихь здэщыӀэ уафэм и Ӏуэхухэм я ужь фит.


ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.


Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ.


Дэ гуэныхь зэрытщӀам щхьэкӀэ Тхьэм Хьисэ ажалым ӀэщӀилъхьащ, дэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Аращи, дэ зыр зым дгъэкъуэншэн хуейкъым. Зыгъэлъэпэрэпэну мывэ е гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэху гуэр фи къуэшым и гъуэгум тевмылъхьэну фи гум теубыдагъэ илъын хуейщ.


А махуэм фэ зыкӀи фыкъызэупщӀынукъым. Пэж дыдэр вжызоӀэ, Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.


ТӀэкӀу дэкӀмэ, дунейм и цӀыхухэм салъагъужынукъым, ауэ фэ сыфлъагъунущ, сэ сопсэу, фэри фыпсэунущи.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.


Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ