Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:3
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми гуэныхьу телъ псори щхьэщихынущ, ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм гуэныхьхэр фщхьэщихын лъэкӀынукъым.


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Апхуэдэу зэзакъуэ къурмэныпхъэ зэрызищӀам щхьэкӀэ, зигу къабзэ хъухэр, я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, игъащӀэкӀэ цӀыху нэгъэса ищӀащ Мэссихь.


Жорым щраӀулӀым, ди гуэныхьхэр къытщхьэщихыурэ, абыхэм яхуэфащэ гугъуехьыр езым и пкъым трилъхьащ, гуэныхь щӀэным дыкъыбгъэдишыжу, щыпкъагъэм дыхуэпсэун щхьэкӀэ. Абы и уӀэгъэхэмкӀэ фигъэхъужащ.


Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа.


Торэт хабзэр Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэм япэуврэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ зыщӀыфын хабзэ щыӀатэмэ, а хабзэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэ хъунт.


Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


А бынхэр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхущ. Аращи, Хьисэи лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыху хъуащ, лӀэныгъэм тепщэныгъэ хузиӀэ шейтаныр илӀэныгъэмкӀэ игъэкӀуэдын щхьэкӀэ,


Ауэ езым зигъэцӀыкӀури, ӀуэхутхьэбзащӀэм и щытыкӀэ иӀэ хъуащ. ЦӀыхум хуэдэ хъуащ, и теплъэри цӀыхухэм я теплъэм хуэдэу щытащ.


Мэссихь цӀыхухэм я гуэныхьхэр игъащӀэкӀэ ипшыныжыпэн щхьэкӀэ, къурмэныпхъэ зэзакъуэ зищӀа нэужь, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ щысыну бгъэдэтӀысхьащ.


Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.


Аращи, Тхьэм хуэлажьэ дин пашэшхуэ, гущӀэгъу зиӀэ, Тхьэм хуэпэж хъун щхьэкӀэ, и къуэшхэм сыт ищӀысымкӀи яхуэдэ хъун хуеящ, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын щхьэкӀэ.


Си къуэшу си лъэпкъым щыщхэм си фӀагъ езгъэкӀын слъэкӀатэмэ, Тхьэм и ней къысщыхуэу, Мэссихь сызыбгъэдигъэкӀыну сыхуеинт.


А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


Арати, журтхэм нэфу щытар етӀуанэу къраджэри, жраӀащ: – Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀ. Мы лӀыр зэрыгуэныхьыщӀэр дэ дощӀэ.


ХъунщӀакӀуитӀ, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм щраӀулӀащ абдеж.


Си гуэныхьыщӀэ щэныжьым сеплъмэ, си гум фӀыгъуэ зэримылъыр сощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀы сщӀэну сыхуейми, згъэзэщӀэну схузэфӀэкӀыркъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ