Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Мы зэманым тшэч гугъуехьхэр щӀыхьышхуэу Тхьэм иджыри къэс цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ диӀэ ищӀынум хуэбгъадэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:18
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.


Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.


Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.


ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.


Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.


Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар дэ фэдгъэщӀа хъыбарыфӀыр арщ. Апхуэдэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къыфлъысынущ.


Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:


Фызхэм я лӀахэр къэхъужауэ ягъуэтыжащ. Тхьэм къыщигъэтэджыжкӀэ, нэхъ гъащӀэфӀ ягъуэтын щхьэкӀэ, нэгъуэщӀхэр (Тхьэр ягъэпцӀыну зэрамыдам щхьэкӀэ) я бийхэм щхьэхуиту къаутӀыпщыжакъым. Абыхэм гугъуехь ирагъэшэчурэ, ягъэлӀащ.


Тхьэм къигъэщӀа псори гузавэу поплъэ абы. Зыпэплъэр Тхьэм езым и бынхэм а щӀыхьышхуэр яӀэ зэригъэхъур езым къигъэщӀа псоми къащригъэлъагъуну махуэр арщ.


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ