12 Аращи, ди къуэшхэ, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэну ди пщэ дэлъкъым.
Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.
Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэмэ, фыкӀуэдынущ, ауэ бзэджагъэ фщӀахэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ вгъэкӀуэдмэ, гъащӀэ щыпкъэр вгъуэтынущ.