Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Мэссихь фи псэм щыщмэ, фи гуэныхьхэм къыхэкӀкӀэ фипкъхэр лӀэжынуми, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу фызэрилъытэм щхьэкӀэ фигурэ фи псэкӀэ псэууэ фыщытщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:10
30 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Сэ абыхэм я псэм сыщыщу, уэри си псэм ущыщу, ахэр пэжу зы ирехъу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуари, сэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуам хуэдэу, ахэри фӀыуэ зэрыплъэгъуари дунейм и цӀыхухэм ящӀэнущ итӀанэ.


Хамэ лъэпкъхэмкӀэ щӀыхьышхуэ гъэщӀэгъуэну а щэхум хэлъыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яригъэщӀэну игъуэу илъытащ. А щэхур мыращ: Мэссихь фи псэм щыщщ, ари фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ фиӀэ зэрыхъуным фыпоплъэ, абы фыщыгугъыу.


Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


А ӀуэхуитӀым сыхагъэзыхь. Мы дунейм сехыжу, Мэссихь сригъусэну сыхуейщ. Ар куэдкӀэ нэхъыфӀщ.


икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.


Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ: – Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ. – Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.


– Жызумыпкъыр сэращ, къудамэхэр фэращ. ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъумэ, езыри сэ си псэм сыт щыгъуи щыщ хъумэ, а цӀыхум фӀыгъуэ куэд къыпыкӀынущ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ фэ сывимыгъусэмэ, зыри фщӀэн флъэкӀынукъым.


– Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъум си псалъэхэр игъэзэщӀэнущ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си Адэми ар фӀыуэ къилъагъунущ, а цӀыхум деж дыкъэкӀуэнурэ, абы и псэм щыщ дыхъунущ.


Тхьэм и япэрей быну уафэм щыӀэ тхылъым зи цӀэ итхэм я махуэшхуэ зэхуэсми фыкъэкӀуащ. Тхьэуэ цӀыху псоми хьэкум ятезыщӀыхьым деж фыкъэкӀуащ, зи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, Тхьэм цӀыху нэгъэса ищӀахэм я псэхэм я дежи фыкъэкӀуащ.


ЦӀыху псори зэ лӀэжын хуейщ, итӀанэ Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ.


Тхьэм и унафэр хъууэ, япэрей мелыӀычым и макърэ Тхьэм и бжьамиишхуэм и макърэ къэӀумэ, езы Зиусхьэныр уафэм къехыжынущ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр япэ къэтэджыжынущ абы щыгъуэ.


Фи фӀэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ, зывгъэунэхуж. Хьисэ Мэссихь фи псэм зэрыщыщыр фи щхьэкӀэ фщӀэркъэ? Апхуэдэу мыхъумэ, фызэрыщытын хуейм хуэдэу фыщымыту арщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, ажалыр къытщхьэщыт зэпыту допсэу, Хьисэ и гъащӀэр дипкъ лӀэжынумкӀэ нахуэ къэхъун папщӀэ.


Аращи, цӀыхухэр гуэныхь лэжьыным и ӀэмыщӀэ илъти, лӀэныгъэр Ӏыхьэу абыхэм къалъигъэсащ Тхьэм. Апхуэдабзу Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и ӀэмыщӀэ цӀыхухэр зэрилъым щхьэкӀэ, абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ Тхьэм. Аращи, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным кыпкъырыкӀыу мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъунущ абыхэм.


Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкӀар зы цӀыхущ. Гуэныхьым щӀыгъуу лӀэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цӀыху псоми гуэныхь зэращӀам щхьэкӀэ лӀэныгъэр я Ӏыхьэ хъуащ.


Си пкъыр зышхыу, силъми ефэм и псэм сыт щыгъуи сыщыщщ, езыри сэ си псэм щыщщ сыт щыгъуи.


– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.


Си пкъыр зышхыу силъми ефэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, къемэтмахуэм ар сэ къэзгъэтэджыжынущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ